Добро пожаловать на наш блог!

15.07.2013

Хабзэр зэрахьэ, нэхъкlэ тепсэлыхькъым!


Кавказ зауэр щlимыдзауэ Адыгэ Хэкур щlыгу куэд зэхуихьэсат, тlэкlур яlыгът, зэрагъэзахуэт, лъэпкъым нэхъыжь къыхахти (Шапсыгъухэр, Абадзеххэр, нэмыщхэр), адрей гупыр феодальнэ зэманхэм хуэдэу (Къэбэрдей, Хьэтыкъуей,Темиргъуэй, Бесленейхэр и нэмыщlхэр). Зэгъусэу зэзгъэзахуи къахэкlт, псалъэм папlщlэ Натухъейхэр. Ар шхьэкlэ, зэщымыщ зэзгъэзахуэ, зезыгъакlуэ щыlамикъэнэжт псом щхьэкlи зы тэрэз зэгъэзэхуэкlэ.

Абым яхэтщ- Адыгэ хабзэ, хасэ, хеищlэ, тхьэрыlо хас, мекхем жыхуаlэхэри.Икlэрейхэм я къулыкъу зыгъэзащlэу щытар гъэса цlыхут, щlыгу Уэркъхэм яlыгъым къхэкlыу. Ахэр псори зыхуэгъэпсатэр яlыгъыну зэхэщlыкlа псэуныгъэ зиlэ цlыхуцlэм и кlуэцlым.



Иджы къыздэс зэманым «адыгэ хабзэр»- адыгэхэм я псэукlэ жэуэ къыздэбгъэсэбэп хъунур япэрем узэlэбэкlыжмэ, адыгэр дунейм зэрытетым худэр феодальнэ Адыгэ Хэкум теху.

Нэмыщlу хъуащ и гъащlэр уэркъыгъэм и хабзэм. Пэщтыхьхэри, уэркъхэри зэхуагъэдащ Урысейм я князьхэмрэ, дворяне жыхуаlэмрэ. Ахэм адыгэхэм я псэукlэм халъхьэт яхузэфlэкlыр. Апхуэдэу щытащ 20- гъэхэм икlам нэс.

Арщхьэкlэ, уэркъхэри, уэркъ хэбзагъэри иджы къыздэсым хуейщ зыхагъэлын адыгэхэм. Абы и нэхъыщхьэр адыгагъэ, адыгэ щэнхабзэ.

Псалъэм къыхэкlыр игъэкlуэда щхьэкlэ, адыгэ хабзэм игъэкlуэдакъым абы и кум хэлъыр. Къонэж хабзэр ялъыту адыгэхэм. Адыгэ Хабзэм къыхэкlу щытщ нэмысыр. Нэмысыр псом нэхъри нэхъ лъапlэщ.

Иджы зэманым «адыгэ хабзэр» зэрыщыту хэбгъэхьэ хъунущ дэ дызэджэ щэнхабзэм. Щэнхабзэкlэ адыгэм хофащэ и гум къэбзагъэ илъыну. Аращ жыхуаlэр- нэмыс. Адыгэ нэмысым къегъэлагъуэ адыгагъэ цlыхур дунейм зэрытетын хуер, нэхъыжхэм пlщlэ яхуищlыу.  Адыгагъэр иджы къыздэсым яхэлъщ а цlыхухэм.

Комментариев нет :

Отправить комментарий